- мыхьэнэ
- смысл, значение/ Зыгуэрым иIэ пщIэ, сэбэпынагъ, псалъэм къикI. Iуэхум и мыхьэнэ. Псалъэм и мыхьэнэ. {Бажэм:} - Сыт и мыхьэнэ, и теплъэр фIы щхьэкIэ, жызум мыхъущ, уи дзэр асыхьэту игъэшынущ. Япэу лъ. з.Мыхьэнэ иIэн иметь смысл, быть значимым.* ЩIэныгъэрэ Iэзагърэ пхэмылъмэ, мылъкум зы мыхьэнэи иIэкъым. КI. Т.Мыхьэнэ къикIын = мыхьэнэ иIэн.* Зэпсэлъэныгъэм зыри мыхьэнэ къикIакъым. Н. Ш.Мыхьэнэ хэлъын = мыхьэнэ иIэн.* Зи гъащIэр хьэлэмэту, мыхьэнэ хэлъу зыхьа цIыхухэм папщIэ: - Куэд зымыгъащIэу куэд зылъагъу, - жаIэр адыгэхэм. Н. З.мыхьэнэ нэхъыщхьэ основное значение/ И пщIэ, сэбэпынагъ нэхъыщхьэ, нэхъыщхьэу къикIыр.Романым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.